Адыгеим, КъБР, КъЩР ялъэпкъ гъэзетхэм язэхэт къыдэкlыгъо щыщ

1 августа 2025, 14:50

Адыгеим, КъБР, КъЩР ялъэпкъ гъэзетхэм язэхэт къыдэкlыгъо щыщ

Зи лъапсэр хабзэкIэ зыгъэтIылъа

КъуэкIыпIэ Гъунэгъум Щамым къикIыу Кавказыр, адэжь щIыналъэр екIуэлIапIэ зыхуэхъуахэм ящыщщ Хьэбэз къуажэм унагъуэ хъарзынэ щыдэхъухьыжа Къардэнхэ Данилрэ Бусейнэрэ (Уэтейхэ япхъущ). Илъэс пщыкIущ хъуащи унагъуэу зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэм пщащитI Таерэ Зоерэ зэдапI.

ГъэщIэгъуэнщ, ауэ Щамым щыщыIэм Данилрэ Бусейнэрэ Дамаск къалэм щыпсэуами, зэи зэрихьэлIатэкъым. Мазэ бжыгъэ я зэхуакуу, Бусейни къыдалъхуахэр, и бынхэр щIыгъуу Урысейм къихьэжауэ щытащ. Апщыгъуэм бзылъхугъэм и щхьэгъусэр иIэжтэкъым Дамаск щыIэу дунейм ехыжат.

Данилрэ Бусейнэрэ нэIуасэ здызэхуэхъуар Налшык къалэм дежщ, зыгъэпсэхупIэ санаторэ щIэсущ. ИкIи, 2012 гъэм щегъэжьауэ, Тхьэм узэрелъэIуну, хабзэрэ нэмысрэ зэрылъ Къардэнхэ я унагъуэр узэхъуэпсэн быну зэдопсэу.

Теджэ...

ЩОХЪУЖЬ Люсанэ/Черкес хэку

Больше новостей на Adygheya-news.ru