Адыгеим, КъБР, КъЩР ялъэпкъ гъэзетхэм язэхэт къыдэкlыгъо щыщ
Зи лъапсэр хабзэкIэ зыгъэтIылъа
КъуэкIыпIэ Гъунэгъум — Щамым къикIыу Кавказыр, адэжь щIыналъэр екIуэлIапIэ зыхуэхъуахэм ящыщщ Хьэбэз къуажэм унагъуэ хъарзынэ щыдэхъухьыжа Къардэнхэ Данилрэ Бусейнэрэ (Уэтейхэ япхъущ). Илъэс пщыкIущ хъуащи унагъуэу зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэм пщащитI – Таерэ Зоерэ – зэдапI.
ГъэщIэгъуэнщ, ауэ Щамым щыщыIэм Данилрэ Бусейнэрэ Дамаск къалэм щыпсэуами, зэи зэрихьэлIатэкъым. Мазэ бжыгъэ я зэхуакуу, Бусейни къыдалъхуахэр, и бынхэр щIыгъуу Урысейм къихьэжауэ щытащ. Апщыгъуэм бзылъхугъэм и щхьэгъусэр иIэжтэкъым — Дамаск щыIэу дунейм ехыжат.
Данилрэ Бусейнэрэ нэIуасэ здызэхуэхъуар Налшык къалэм дежщ, зыгъэпсэхупIэ санаторэ щIэсущ. ИкIи, 2012 гъэм щегъэжьауэ, Тхьэм узэрелъэIуну, хабзэрэ нэмысрэ зэрылъ Къардэнхэ я унагъуэр узэхъуэпсэн быну зэдопсэу.
ЩОХЪУЖЬ Люсанэ/Черкес хэку